Knowledge Base Wiki

Search for LIMS content across all our Wiki Knowledge Bases.

Type a search term to find related articles by LIMS subject matter experts gathered from the most trusted and dynamic collaboration tools in the laboratory informatics industry.

ТехьэпӀэхэр зэгъэзэхуэжын
Хьэрып Республикэ Шам
хьэр-бз. الجمهورية العربية السورية
Дэмыгъэ Шамым
Шамым и нып Шамым и дэмыгъэ

Кординатхэр: 35°18′00″ с. ш. 38°38′00″ в. д. / 35.3° с. ш. 38.633333° в. д. (G)

Къэрал уэрэд: «Хьумэт ад Диар» 
Хуитыныгъэм и махуэ 1946 мэлыжъыхьым и 17-м (зхэкӀар Фрэндж)
Нэхъышъхьэбзэхэр хьэрыпыбзэ
Къалэ нэхъышъхьэр Дамаск
Къалэ нэхъ инхэр Дамаск, Хьэлеб
ӀэнатӀэ хабзэр Парламент республикэ
Президент
Премиер министр
Башар Ал Асад
Мухьэмэд Нэджи ал Отари
ШӀыпӀэр
• Псори
• % псым пӀэуэ иубыдыр
86-нэ дунем
185/180 [1] км²
0,06
Къэралым и джылэр
• ЗэралъытэмкӀэ (2007)
Ӏувагъыр

19 405 млн[2] цӀыху (55-нэ)
103 цӀыху/км²
ВКӀуП
  • КъыхэкӀыр (2008)
  • Зы цӀыхум къытехуэр

$87, 923 млрд[3]  (63-нэ)
$4570
Сомыр (Валутэр) Шам фунт (SYP, 138)
Интернет-доменхэр .sy
Телефон кодыр +963
Зэманыгъуэхэр +2
Хьэрып Республикэ Шам Уикисурэтылъэм
  1. Абыхэм 1170 км² Исраэлым оккупациэ ишъри, 1980 аннексиэ хъуахэ.
  2. Абыхэм мин 40 хуэдизыр оккупациэм хэт шӀыпӀэ Голан Ӏуашъхьэхэмрэ Хермон Ӏуашъхьэм идежьрэ щопсохэ
  3. Дунейпсом и валутэ фондыр

Хьэры́п Респу́бликэ Шам (хьэр-бз. الجمهورية العربية السورية) — КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъум хэт къэрал. И къалэ нэхъышъхьэр Дамаск - дунейспом джылэ здыдэс къалэ нэхъышъхьэхэм я нэхъыжъ.

Хэкумэтхыр

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Шамым и хэкумэтх
Шам и шӀыпӀэтхыпхъэр

Шамыр КъуэкӀыпӀэ Гъунэгъум хэт къэрал, и инагъыр зэрыхъур мин 185,2 км², и къуэхьэпӀэ лъэныкъуэр Хы Курытым и Ӏуфэм Ӏохьэ, и гъунапкъэхэр дырикӀуэхэр: ипшъэ-къуэхьэпӀэмкӀэ - Ливанымрэ Исраэлымрэ, ипшъэмкӀэ - Йорданым, къуэкӀыпӀэмкӀэ - Иракум, ишъхъэрэмкӀэ - Тыркум.

И шӀыпӀэр лъэныкъуитӀу егуэчыр Ан Нусариа тхым и Ӏуашъхьэхэм, и къуэхьэпӀэ лъэныкуъэр псыкӀэ бэуэ къигъану, къуэкӀыпӀэр гъушъэгъу ишъу. Къуэладжэшхуэ шӀыгуфӀ илъу и ишъхъэрэ-къуэхьэпӀэ лъэныкъуэм хэлъ, км 130-кӀэ ирикӀу тыркуэй гъунапкъэм щыкӀэдзауэ Хы Курыт ӀуфэмкӀэ ирокӀуэ ливиэ гъунапкъэм нэс. А хэкум дежь къэралым и аграриу хъуар хэту джыпӀэ хъуну.

Къэралым и псы нэхъ иныр Еуфрат, абым 80% къэралым псыуэ иӀэр хэлъ, И сэмырабгъумкӀэ хэлъадэ псы нэхъ инхэр Балихрэ Хабуррэ, Тыркуэйм къыхожхэр. ИжьэмкӀэ хэлъадэ псыхэр гъатхэ къуэдеймра я псыхъуэхэм псы щежэхыр. 1973 гъэм Шамым псыубыд Табакам Дам яшъын яуха, абым псыхъурей Эл Асадыр еӀыгъ, абым и кӀыхьэгъыр км 80 хуэдиз мэхъур и бгъуагъыр км 8 хуэдизым нос.

Хьэйуар нэхъыбэм гъушъэгъу щыт. Курытыгъу илъээсым уэуэ къехыр мм 100-м фӀэкӀкъым. Темперэтурэ курытыр шӀычылэм - +7,2 °C, мэкуауэгъуэм - +26,6 °C.

Тхыдэр

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Шам и тхыдэр

Шамым и тхыдэм бжыгъэрэ яубыдауэ щыта - мысырхэм, канаанхэм, арамейхэм, Ӏэссирийхэм, вавилонхэм, къажэрхэм, алыджхэм, урымхэм, набэтейхэм, византийхэм, хьэрыпхэм, джорыдзэхэм, яужым Уэсмэн империэм и ӀэнатӀэм кӀэта.

Мыслъымэныгъэр Шамым 661 гъэм ихьа, Дамаск Халифатым и къалэ нэхъышъхьэ щыхъуам, Ӏумаядхэм я ӀэнатӀэгъуэм щыгъуэ. А зэманыгъуэм Халифатыр къэрал лъэшышху щытт, Пиреней хы тӀыгуныкъуэм щыкӀидзэти Азиэ Курытым нэст. Дамаскыр хьэрып къэралыгъуэм экономикэмкӀи, шъэныгъэхэмкӀи шъхьэщыт хъуа VIII лъэхъэнэм, дунем и къалэ нэхъ инхэм ящыщу. 750 гъэм Ӏумаядхэр Аббасхэм трамыхуа кӀышъэ, яужым къалэ нэхъышъхьэри Багдад яхьа. XIII лъэхъэнэм и кум Дамаскыр МамлыкӀу империэм и куейм и къалэ нэхъышъхьэ мэхъур. 1400 гъэм Шамым монголыдзэр тоуэ. Темырлэным къалэр зехекъутэ, ехъункӀри мылъку хъуар Самаркандым дечыр. 1517 гъэм Шамыр Уэсмэн империэм и ӀэнатӀэм кӀохуэм илъэсишъэ зытӀущкӀэ.

Япэрей дунейпсо зауэр иуха яуж Уэсмэн империэр кӀэху зэгуэхун кӀедзэ. 1920 гъэм хьэрып пэштыхьей Шам мэхъур и пэхтыхьу техьэр Фейсал I-й Хашимий лъэпкъым щыщ, яужым Иракум и пэштыхь хъуа. Шамым хуитыныгъэ куэдрэ иӀэкъым. Мазэ зытӀущ текӀауэ фрэнджыдзэм Шамыр оккупациэ ешъыр. 1922 гъэм Лъэпкъхэм я лигэм унафэ къыдегъэкӀ Тыркуэйм Шам лъэныкъуэгъу иӀыгъар Британиэшхуэмрэ Фрэнджымрэ яхуигуэчу. Британиэшхуэм Йорданымрэ Палестинэмрэ лъыса, Фрэнджым - иджырей Шамымрэ Ливанымрэ. 1936 гъэм Фрэнджымрэ Шамымрэ тхылъ кӀатхэ Шамым и хуитыныгъэр къыхэкӀыу абым, ауэ 1939 гъэм Фрэнджыр кӀогъуэжьри игъэзанкӀэкъым тхылъым кӀитхар. ЕтӀуанэ дунейпсо зауэм и зэманыгъуэм Фрэнджым и къэрур мэкӀуэдыр, Шамым зыкъэӀэтыгъуэ йокӀуэкӀ хуитыныгъэм шъхьэкӀэ.

1941 гъэм фокӀадэм и 27-м Фрэнджым хуитыныгъэ ирет Шамым.

Шам хуитым и президенту техьар Шукри Ӏэл Куватли. 1947 гъэм парламентым лэжьэн щӀидза. Президентым и ӀэнатӀэгъу къэрууэ хъуар Шамым и Лъэпкъэгъу-социал партиэ.

1948 гъэм шамыдзэм лъэныкъуэгъ иӀыгъу хьэрып-исраэл зауэм хэта, хьэрып къэрал зэгуэтхэм ирагъэжьам.

1958 гъэм мэзаем и 22-м Шамымрэ Мысырымрэ зы къэралу зэхохьэхэ Хьэрып республикэ зэгуэт и къалэ нэхъышъхьу хъуар Каир. Къэралым и президент хъуар Гамал Абдэл Насэр, шамхэми ӀэнатӀэпӀашъхьэ куэд ялъыса, ауэ куэд темыкӀыу Насэрым шам политикэ партиэхэр зэхегъэкӀ, аграриэр, къыдэгъэкӀыгъуэхэр, банк лэжьыгъуэхэр къэралыгъуэ лъэпкъэгъу ешъхэр. 1961 фокӀадэм и 28 Дамаскым дзэзэшэ гупым я унафэкӀэ къэрал зэхъуэкӀыгъуэ йокӀуэкӀ, Шамыр аргуэру хуит мэхъур.

Джылэр

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Шам и джылэр

Шам джылу дэсым и бжыгъэр 2007 гъэмкӀэ зэрыхъуар 19 405 млн цӀыху. Хэрыпхэр 80% мэхъу дэсу хъуам. ПэмыкӀ лъэпкъ нэхъ ину бжыгъэкӀэ кӀуэр курдхэр - 10% мэхъухэр, ябыхэм я нэхъыбэр къэралым и ишъхъэрэ лъэныкъуэм дэсхэ, куэдым я бзэр зэрахьэхэ, Ӏэссирийхэр 3% мэхъухэ. Адыгу мин 400 хуэдиз дэс, ермэлыуэ мин 200 хуэдиз, ингучу минитху хуэдиз. А лъэпкъхэм щымыхъукӀэ Тырку гъунапкъэм и лъэныкъуэм дежь къалэ Хьэлебымрэ Латакиэмрэ мин 900 хуэдиз тырку дэсхэ.

Экономикэр

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Шам и экономикэр

ЭкономикэмкӀэ къэралым и Ӏохур къэлъытэгъуэкӀэ фӀыуэ зэфӀэту щыт. ВКӀуП-ыр зэрыхъуар млрд 71, 7 АШЗ-м и доллару, ВКуП хэхъуэкӀэр 2005 гъэм зэрыхъуар 2,3%.

Къэралым фӀыуэ зэфӀэгъувауэ щытхэр: фатэгыным и экспорт, фатэгын къыкӀэхыныр хохъуэ кӀэлъыгъуэ кӀэуэ зэрагъуэтам шъхьэкӀэ, къыдэгъэкӀыгъэуэр хохъуэ зэпимыуду, аграриэр лъэшу, сэбэпыгъуэкӀэ зэфӀэгъува.

Къэралым и лъэпауэгъуэхэр: дзэ Ӏыгъыным уасэшхуэ техуэхэм экономикэм йохьэлъэкӀ куэду, коррупциэр, хамэ къэралхэм я инвестициэ зэримыӀэр, джылэм и хэхъуэкӀэр ину зэрекӀуэкӀыр, псымкӀэ хуэныкъуэгъуэ зэкӀэлъыпыт, лэжьапӀэншу (20%), реформэхэр хому зэрекӀэкӀыр.

Администрацэ гуэчыгъуэр

Шамыр куей 14-кӀэ мэгъуэчыр, абыхэм я тхьэмадэхэр къэралкӀуэцӀ Ӏохугъуэ министериэм хехыр, куей къэс езым и парламент иӀэ. Кунейтрэ куейр Исраэлым оккупациэ ишъауэ иӀыгъ, куейм и лъэныкъуэ гуэрэхэр ЛъЗ-ым и ӀэнатӀэм кӀэт.

Куейр Къалэ нэхъышъхьэр
1 Дамаск Дамаск
2 Риф Дамаск Дамаск
3 Кунейтра Кунейтра
4 ДерӀа ДерӀа
5 Эс Сувейда Эс Сувейда
6 Хомс Хомс
7 Тартус Тартус
8 Латакиа Латакиа
9 Хама Хама
10 Идлиб Идлиб
11 Хьэлеб Хьэлеб
12 Эр Ракка Эр Ракка
13 Дэйр эз Зор Дэйр эз Зор
14 Эл Хасеке Эл Хасеке

Дзэр

Тхыгъэ нэхъышъхьэ: Шамым и дзэр

Къэралым и нэхъышъхьэ дзэзэшэр прдезидентыра. Къулыкъур дзэм еджэгъуэкӀэ яхьыр. Шъауэхэр илъэситкӀэ яхьыр къулыкъур я ныбджыр илъэс 18 щырикъум, ауэ, шъауэ дачым зыкъуэш иӀу щытмэ, имыӀэмэ унагъуэр зэӀыгъу рауэ къалъытэри къулыкъу хьыныр техуэкъым.

Дзэм и бжыгъэр зэрыхъур мин 320 цӀыху (16-рей дунем).

Совет Зэгуэтхэр щызэхэкӀахэм, Шамым япэреуэ дэӀэпыкъутэр ӀэшэкӀэ къэралым и дзэм и Ӏохур Ӏэуэ зэӀыхьат, иджыпсту Урысейр аргуэру япэреуэ щыт Шамым Ӏэшэ къыздищэхур.

Дзэр зэрзэхэкӀыр: ЗекӀуэдзэ, Уэгузауэдзэ, Хыдзэ, Уэгу теуэгъуэм пэщытыдзэ.

ТехьэпӀэхэр