Type a search term to find related articles by LIMS subject matter experts gathered from the most trusted and dynamic collaboration tools in the laboratory informatics industry.
Урысей, Урысей Федерациэ урбз. Россия, Российская Федерация | |||||
| |||||
![]() | |||||
Къэрал уэрэд: «Государственный гимн Российской Федерации» (![]() | |||||
Щыхалъхьар | 862 | ||||
Нэхъышъхьэбзэхэр | урысыбзэ[1] | ||||
Къалэ нэхъышъхьэр | Мэзкуу | ||||
Къалэ нэхъ инхэр | Мэзкуу, Бытырбыху, Новосибирск, Екатеринбург, Нижний Новгород | ||||
ӀэнатӀэ хабзэр | Президент-парламенту республикэ | ||||
Президент Правителствэм и тхьэмадэ |
Дмитрий Медведев Владимир Путин | ||||
ШӀыпӀэр • Псори • % псым пӀэуэ иубыдыр |
1-нэ дунем 17 125 191[2] км² 13 | ||||
Къэралым и джылэр • ЗэралъытэмкӀэ (2010) • Ӏувагъыр |
146 544 710 цӀыху 8,3 цӀыху/км² | ||||
ВКӀуП • КъыхэкӀыр (2008) • Зы цӀыхум къытехуэр |
$2,225 трлн (7-нэ) $16 239 | ||||
Этнохоронимыр | урысейхэ; урысей; | ||||
Сомыр (Валутэр) | урысейм и рубл (RUB, RUR) | ||||
Интернет-доменхэр | .ru, .su[3], .рф[4] | ||||
Телефон кодыр | +7 | ||||
Зэманыгъуэхэр | +2…+11[5] | ||||
|
Урысей (урбз. Россия, Российская Федерация, и цӀэдыдэр псоуэ — Урысей Федерациэ, кӀэщӀыу УФ) — къэрал, къуэкӀыпӀэ Еуропэмрэ ишъхъэрэ Азиэмрэ хэт. И щӀыпӀэм и инагъыр 17 075 400 км² — абымкӀэ Урысейр дунейм нэхъ и къэрал нэхъ ину щыт. Джылу исыр, 2010 гъэмкӀэ — цӀыху 141 927 297 (9-нэ дунейм).
Урысейр Еуразиэм хэт, континентым и 1/3 хуэдиз иубыду. ХэкумэтхымкӀэ и пӀэр — континент-курытыгъу, океан-курытыгъу къалъытэр.
И гъунапӀэхэр: ищхъэрэм — хыпэ Челускин (материкым; гъунапӀэхэр Хы тӀыгу зэхэт Франц-Иосиф — хыпэ Флигели, Рудолф и хы тӀыгум), къэхьэпӀэм — Песчанэ хы тӀыгуныкъуэм и пэ (Калининград къэралым), къуэкӀыпӀэм — Дежнев хыпэ, ипшъэм — пӀэ, Къаукъаз Ӏуашъхьэшхуэхэм хэт (Дагъыстэнымрэ Азарбиджанымрэ я гъунапкъэм).
Дунем нэхъ и къэрал ину щыту, Урысейр къуэхьэпӀэмкӀэ къыщӀедзэри къуэкӀыпӀэмкӀэ йокӀуэкӀыр, 11 зэманыгъуэкӀэ гуэчауэ.
Хым и псы иубыдхэм, км 370 Ӏуфэм къыӀукӀыу, Урысейм и хы экономическэ зонэр хэт.
Урысей Федерациэм щӀымкӀэ и гъунапкъыр къэрал 16-м ядеж ирокӀуэ: Норвегиэм, Финляндиэм, Эстониэм, Латвиэм, Литвам, Лэхьыйм, Урысыхум, Хуэхуэлейм, Апхъазым, Курджым, Ипшъэ Осетиэм, Азэрбиджаным, Къазахъстэным, Монголым, Китайм, Ишъхъэрэ Корейм, абым пэмыкӀыу хым ирикӀуэ гъунапкъхэр, къэралитӀым — Японымрэ АШЗ-мрэ. ЩӀым ирикӀуэ гъунапкъым и кӀыхьэгъыр км 1605.
Росстатым къызэритымкӀэ 2010 гъэм Урысейм дэсыр зэрыхъур цӀыху 141 927 297, абымкӀэ Урысейр дунем 9-нэ пӀэр еубыд.
Джылэм и нэхъыбэр (2/3) Урысейм и къуэкӀыпӀэеуропэ лъэныкъуэм щопсоухэ, адрей 1/3 Уралым и кӀыбагъым.
Лъэпкъхэм я нэхъ иныр урысхэр — 79,8 %. Адрей лъэпкъхэр (милыуаным зи бжыгъэ фӀэкӀ) — къэзанхэр (3,9 %), украинхэр (2 %), башкирхэр (1,2 %), чувашхэр (1,1 %), мышгычхэр (0,9 %), ермэлыхэр (0,8 %). Урысейр лъэпкъ бжыгъу зэхэт къэрал, щӀэм фӀэкӀыу лъэпкъу динуи зэшъхьэщыкӀху.
КонституциэмкӀэ, 1993 гъэм референдум ирагъэкӀуэкӀамкӀэ хэхам, Урысей Федерациэр къэрал демократ федерату щыт, и хабзэӀэнатӀэр республику щыту.
Къэралым и тхьэмаду тетыр президент, илъэситхукӀэ хахыр, къэралпсом и хэхыгъуэкӀэ. Президентыр зэкӀэлъыпыту тӀо хахын пӀалъэ иӀэкъым.
Урысейм и призедентхэм я тхылъ:
ХабзэдэгъэкӀым и ӀэнатӀэ нэхъышъхьу щытыр парламент (Федерал хасэ), тӀууэ зэхэкӀу — нэхъыкӀэмрэ (Государственная Дума) нэхъыжьымрэ (Федерациэм и хасэ). Государственноэ Думэм хэтхэр къэралпсом и хэхыгъуэкӀэ зэхохьэ, Федерациэм и хасэр — урысейм и хэку къэсым тӀурытӀ тхьэмадэ къыхэгъэкӀыурэ зэхагъыхьэ.
Лэжьыгъэ ӀэнатӀу тетыр Урысей Федерациэм и правителствэ, абы шъхьэщытыр Правителствэм и тхьэмадэ, президентым тригъэувэ УФ и Государственнэ Думэм идауэ ар.
АдминистрацэмкӀэ УФ-м и шӀыпӀэр 85 хуэку ӀэнатӀэ зэхуэдиз зиӀу гуэчауэ щыт. Хэкухэр зэрзэшъхьэщыкӀхэр:
![]() |
Мыр тхыгъэ нэмгъэсащ Урысей теухуауэ. Проектым удэӀэпыкъуфынущ, бгъэтэрэзу нэхъыбэ иптхэм. |
Еуропэм и къэралхэр |
||
---|---|---|
Къэралхэр | Aзыгъэй • Азэрбиджан¹ • Албаниэ • Алыджей • Андоррэ • Аустрэ • Белгиэ • Балгариэ • Боснэрэ Хьэрцеговинэрэ • Британиэшхуэ • Ватикан • Даниэ • Джэрмэней • Ермэлы¹ • Ирлэнд • Ислэнд • Къазахъстэн² • БгыфӀыцӀей • Латвиэ • Лэхьый • Литоу • Лихтэнштейн • Луксембург • Македониэ • Малтэ • Мэжарей • Молдавиэ • Монако • ЩӀылъабжьэхэр • Норуегиэ • Португал • Италэ • Румыниэ • Сан-Марино • Сербиэ • Слоуакэ • Слоуэнэ • Тырку² • Урысей² • Урысыху • Финлэнд • Фрэнджей • Хоруатиэ • Хъырцей¹ • Хуэхуэлей • Чехиэ • Шуэц • Шуэцарэ • Исбухьэн • Эстониэ • Шотлэнд • Уэлс | ![]() |
ЧӀыпӀэм шъхьэфимыт | Аландхэм хы тӀыгухэр • Гернси • Гибралтар • Джерси • Мэн хы тӀыгухэр • Фарерхэм хы тӀыгухэр • Шпицберген • Ян-Майен | |
Дунейпсом къамылъыта къэрал | Косово • Приднестровиэ | |
¹ Ныкъуэу е лъэныкъуэкӀэ Еуропэм хэт къэралхэр. ² Азиэм. |