FAIR and interactive data graphics from a scientific knowledge graph

ТехьэпӀэхэр зэгъэзэхуэжын

Къэрал — зи политикэ системэ зиӀыж щӀыпӀэ щхьэхуит. И щӀыпӀэм щекӀуэкӀ конституциэ, хабзэ, нып, гимн, дэмыгъэ иӀыжу. Иджыпсу дунейм щхьэхуиту 193 къэралу тетщ, ахэм нэмыщӀ иджыри къэралыитӀым хэха права яӀэу къэрал щхьэхуиту ябж.

Къэралым политикэ институт гуп иӀэщ, нэхъыщхьэ щэхьэнэу къэралым ис цӀыхур яхъумынрэ дэщӀынрэ я къэлэну.

Къэралым и къыхэгъэщыгъуэхэр

  • Зэхэлъхьауэ гъэзэщӀэн документхэ (абыхэм къэзэрыхэкӀым хуэдэу къэралым и упщӀэхэр игъэзэщӀэн хуейуэ):
    • конституциэ,
    • зауэ доктринэ,
    • зэхэлъхьа унафэ
  • Къэралым кӀэлъыплъынхэ:
    • къэралым и нэхъыщхьэ (правителствэ),
    • парламент,
    • суд.
  • жылэм и Ӏуэхухэр зыгъэтэрэзын правахэ
  • къэрал хэку Ӏуэхур гъэтэрэзын
  • щхьэхуит экономикэ
  • ахъшэ системэ
  • налог
  • къэрал ахъшалъэ
  • Къэралым и ей ресурсхэ
  • ЩӀы
  • Жылэ
  • Дзэ ӀэщэкӀэ ухуа
  • Къэралыбзэ иӀын (е къэралыбзэхэ)
  • Хуитынынгъэ (адрей къэралхэм къалэу уабжын хуейщ)
  • Къэрал дэмыгъэхэ.

Къэралхэм я щытыкӀэхэр

Къэрал и нэхъыщхьэм и щытыкӀэхэр

Пэштыхьей:

  • Абсолют пэштыхьей:
    • Теократикэ пэштыхьей (Хьэлифэт);
  • Щхьэхуимыт пэштыхьей:
    • Конституциэ пэштыхьей:
      • Дуалистикэ пэштыхьей;
      • Парламент пэштыхьей;

Республикэ:

  • Парламент республикэ;
  • Президент республикэ;
  • Зэхэпша республикэ;

Къэрал зэрызэтеухуам и щытыкӀэхэр

Унитар къэрал (фр. unitarism — зэкъуэт):

  • Хэкукум епха;
  • Хэкукум емыпха;
  • Лъэпкъыгъуэ.

Федерациэ (фр. federation — зэгуэхьэн):

  • ЩӀыпӀэкӀэ зэхэдза;
  • ЛъэпкъкӀэ зэхэдза;
  • ЩӀыпӀэ-лъэпкъыгъуэкӀэ зэхэдза;
  • Хэкукум епха;
  • Симметриеу зэхэдза;
  • КонституциекӀэ зэхэдза;
  • ЗэгурыӀуакӀэ зэхэдза;
  • Дуалистикэу зэхэдза;
  • КооперативкӀэ зэхэдза.

Конфедерациэ (лат. confoederatio — куэду зэгуэхьэн):

Политикэ режим

Демократиэ:

  • Социал-демократиэ;
  • Либерал-демократиэ.

Анти-демократиэ:

  • Аристократиэ;
  • Олигархиэ;
  • Авторитаризм;
  • Деспотиа;
  • Тираниа;
  • Тотлитаризм.